Адыгэ хабзэр ар дахагъэщ

Download Report

Transcript Адыгэ хабзэр ар дахагъэщ

ГЪЭСЭНЫГЪЭ СЫХЬЭТ
«Адыгэ хабзэ»
2-нэ класс
Мурадыр:
1. Еджак1уэхэм адыгэ ф1эхъусыр егъщ1эн:
2. Къэк1уэну щ1эблэр утыку итыфу
егъэсэн, я бзэмк1э хуиту псэлъэфу
тегъэгушхуэн.
3. Нэхъыжьыф1хэм пщ1э, нэмыс
зэрыхуэщ1ын хуейм щыгъэгъуэзэн.
4. Хьэлщэн дахэ яхэлъу къэгъэтэджын.
Ц1ыху ц1ыхум зэхищ1ык1ым,
Щыгуф1ык1ыу игъэгушхуэм
Игъэпэжым игъэлъап1эм,
Псоми дощ1эр - ар ц1ыхугъэщ,
Нэгъэсауэ адыгагъэщ
Адыгагъэр – ар ц1ыхугъэщ.
Къытхуэк1уэм тф1эф1щ ди хьэщ1э махуэ
“Къеблагъэ!”- жыт1эу ды1ущ1энщ
Ирегъэмахуэ е щ1ымахуэ,
Дэ зэрытлъэк1к1э дгъэхьэщ1энщ.
Ди1эщ адыгэм хабзэ дахэ:
Ди унэм къихьэу щытмэ хьэщ1э,
Ар хэту щытми, къепсыхахэм
Бысымыр гуапэу хуейщ 1ущ1эн.
1.Дуней псом къыщац1ыхуу хъыджэбзхэми
щ1алэхэми фащэ дахэ ящыгът. Адыгэ фащэ.
2. Къэуат зыщ1элъ адыгэ шхыныгъуэ
зэмылъэужьыгъуэхэр яупщэф1т.
3. Адыгэ унагъуэм сабий ц1ык1у къахэхъуа нэужь
гущэхэпхэ, лъэтеувэ, кхъуей плъыжь к1эрыщ1э
жыхуа1эхэрхуащ1ырт,ягъэлъап1эрт.
4. Сабий щагъасэк1э щ1мык1иеу, удын ирамыхыу
ягъэсэфырт. Джэгук1э куэд щы1эт.
1. Адыгэ хабзэр пщ1эн хуейщ, емык1у къомыхьу узыхыхьэм
уахэтын папщ1э.
2. Пэжыр жып1эфу, захуэм урителъхьэу, умышынэу ущытын
щхьэк1э.
3. Нэхъыжьым пщ1э хуэпщ1у, сабийм дыхуэсакъыу къэхъун
папщ1э.
4. Хабзэм дытепсэлъыхьрэ, хабзэмыщ1э дымыхъуу, ф1ыуэ
зыхэтхыр, дахэу тлъагъур хьэлщэн тхуэхъун папщ1э.
Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьэр.
Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар.
Хабзэращ лъэпкъым жьэгу пащхьэр зыгъаблэр.
Нахъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумэр.
Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уэр,
А зыращ щ1алэм дамэ лъэщыр къыхихар
Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар
Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар.
Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар,
Хабзэращ нобэ намыс ди1эр къэзыхьар.
Уэзыращ, хабзэ, ди къэк1уэнур зыпыщ1ар.
Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.
Хабзэм, нэмысым теухуа псалъэжьхэр дигу
къэдывгъэк1ыжыт.
- Хабзэрэ бзыпхъэрэ – хабзэмыщ1э – щ1ык1ейщ.
- Хабзэр бзэгупэк1э кърахьэк1ыркъым.
- Хабзэф1ыр къегъэжьэгъуейщ, ауэ
хэгъэк1уэдыгъуаф1эщ.
- Нэмыс зимы1эм нэсып и1экъым.
- Нэмысыр хьэхууи ятыркъым, щ1ыхуэуи
къащтэркъым.
- Нахъыжь и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым.
- Нэхъыжьыр къоувы1эри нахъыжьыр благъэк1.
- Нахъыжьым еда1уэ, нэхъыжьым пщ1э хуэщ1.
- Нэхъыжьыр умыгъэпуд.
- Нэхъыжьыр гъэлъап1и, уи щхьэр лъап1э
хъунщ.
- Адыгэ лъэпкъым фыкъызыхэк1ар
зыщывмыгъэгъупщэ.
- Адыгэ хабзэ, нэмыс зыхэвгъэлъ, фхъумэ.
- Фи адэ хэкужь хуэфщ1эн быну фыщыт.
- Адыгэ напэр тезмыхын щ1эблэу фыкъэхъу.
.
- Адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ.
- Хьэщ1эм насып къыдок1уэ.
Лъэпкъыр ар 1эплъэпкъщ
Бзэр абы и псэу ялъытэ
Ат1э хабзэр лъэпкъым и фащэщи
А фащэр зедывгъыхьэ.